ВУЗ: Не указан
Категория: Не указан
Дисциплина: Не указана
Добавлен: 10.01.2024
Просмотров: 47
Скачиваний: 1
ВНИМАНИЕ! Если данный файл нарушает Ваши авторские права, то обязательно сообщите нам.
5-нэ класс
ЗэIущIэ гъэщIэгъуэн
Си адэр хуабжьу мэз кIуэрейт икIи и гъащIэм и нэхъыбэр абы щихьырти, ди унэр мэзым игъэIэпхъуэжами, зыми емыкIу къищIыну къыщIэкIынтэкъым. Сэ мэзым зэи сыздишэртэкъым. Пщэдджыжьым си адэм гъуэмылэр къыщыгъупщащ. Арати, си кIэныр къикIащ. ЩIакхъуэ Iыхьэрэ зы кхъуей ныкъуэрэ къасщтэщ, кIагуэжь гуэр сиIэти, ар къыщызукIэжри, адэм сыкIэлъыкIуащ.
Жыжьэу сыплъэмэ слъагъуу адэм сылъэщIыхьащ. КъызигъэгъэзэжынкIэ сышынэри, хуэмурэ и ужьым ситурэ мэзым дыщIыхьащ. ЗыкъомыфIи ткIуауэ, зэуэ къудамэ етхъуэкI макъ ин зэхэсхри, занщIэу сыкъызэплъэкIащ. ЗэрамыщIэжу зы мыщэ къуэбэбжьабэжь гъуэгум къытехьауэ къыскIэлъоджадэ. Мо щIалэ къамылыфэу сыщытар зэуэ щIалэ хужь сыхъуауэ вагъуэижу гум сыдэжэхри, шым и пэщхъыным сыкъихуам хуэдэу, япэм сиуващ. (псалъэ 94-рэ мэхъу)
Лэжьыгъэхэр:
1. Псалъэхэм синоним къахуэфхь:
Къуэбэбжьабэжь – бацэжь, шынагъуэ.
Хуэмурэ – щэхуурэ, Iэуэлъауэншэу, макъыншэу.
КъыскIэлъоджадэ – къыскIэлъокIуэ.
2. Псалъэр зэрызыхэт IыхьэкIэ зэпкърыфх:
КъыщIэкIыртэкъым – къы-, щIэ- – префиксхэщ, -кIы- – лъабжьэщ, -р, -тэ, -къым – суффиксхэщ, къыщIэкIыртэкъым — псалъэпкъщ.
3. Псалъэухар синтаксис и лъэныкъуэкIэ зэпкърыфх, псалъэ лъэпкъыгъуэкIэ вгъэбелджылы:
Пщэдджыжьым си адэм гъуэмылэр къыщыгъупщащ.
Пщэдджыжьым (щыIэцIэ, обстоятельствэ), си (еигъэцIэпапщIэ, определенэ), адэм (щыIэцIэ, подлежащэ), гъуэмылэр (щыIэцIэ, дополненэ), къыщыгъупщащ (глагол, сказуемэ).
ЗэраIуатэщ, убгъуащ, пкъыгъуэ нэхъыщхьитIри зиIэ псалъэухащ.