Файл: Си Хэкурщ си1эр напэ пщалъэу, а зырщ сэ ситыр зи 1умэтым.docx
ВУЗ: Не указан
Категория: Не указан
Дисциплина: Не указана
Добавлен: 09.11.2023
Просмотров: 135
Скачиваний: 2
ВНИМАНИЕ! Если данный файл нарушает Ваши авторские права, то обязательно сообщите нам.
Си Хэкурщ си1эр напэ пщалъэу,
А зырщ сэ ситыр зи 1умэтым,
Абы хуэфащэ псалъэ згъуэтым,-
С1этынщ, бэракъыу, сэ а псалъэр!
Къагъырмэс Борис.
Мы дуней псом тету къыщ1эк1ынкъым ди щ1ыналъэм хуэдэ! Щы1экъым абы къылъэщ1ыхьэн сыт и лъэныкъуэк1и. Дэнэк1э къик1ри плъак1уэ зыхуэк1уэщ и дахагък1э. Къулейщ- псыр и куэдщ, бгыр, мэзыр аращ. Щ1ыр жумартщи, ауэ п1эпыхур къыщок1, щобагъуэ а къэк1ари. Псы хущхъуэ къомыр – щэ! Абыхэми я закъуэ, мы щ1ыналъэм ущыпсэун, ущыбэуэн къудейр узыншагъэщ. Аращ нэгъуэщ1 щ1ып1э къик1ыу къак1уэхэр мы ди лъахэм къыщ1ехъуапсэр, гуимыхуж къащ1ыщыхъур.
Псом япэ сыхуейщ къыхэзгъэщыну ди бэракъым уардэу тет 1уащхьэмахуэ.
Анэ бгъафэу лъагэщ 1уащхьэмахуэ,
Анэм нэхъуу быныр емыплъыф.
Хуэпщ1 1улыджырщ анэм ещхьу лъагэр:
Ущыбынк1э-уи щхьэр йогъэзых.
зы гу щ1ы1э гуэрхэрм ягу мыузу-
бгъэху къуапит1ым хуахьыр я 1э ф1ейр…
1уащхьэмахуэ, уэ къэплъхуа уи быным
Игу къыпхуэмык1ынт апхуэдэ зэи!
Ярэби, 1уащхьэмахуэ темытхыхьа, псалъэ гуапэ хужызымы1а усак1уэ ису п1эрэ мы Къэбэрдей щ1ыналъэм?! Е Къэбэрдейм къыщалъхуауэ ц1ыху щы1эу п1эрэ 1уащхьэмахуэ иримыпагэу?! Щы1экъым. Сыт щхьэк1э жып1эмэ, 1уащхьэмахуэ дэ ди лъахэм и дамыгъэщ, ди щ1ып1эм и дахагъэмрэ и бжьыф1агъэмрэ и щыхьэт на1уэщ.
Уафэ нэзыр пшэм щимыгъэпщк1у махуэ бзыгъэм дыгъэ къухьэп1эмк1э уплъэмэ, пшэм я зек1уап1э уафэгум лъэ1эсрэ жып1эу уолъагъу зи щыгур махъшэ сыджу дыкъуакъуэ 1уащхьэ абрагъуэ, мылгъурджей мытк1ужхэм я афэ быдэм зэщ1и1ул1ауэ. Ар 1уащхьэмахуэщ. Сэ езыр мызэ-мыт1эу сыщы1ащ, сык1уэхуи егъэлеяуэгукъыдэж къызет абы и теплъэм.
Адэк1э, сытепсэлъыхьыну сыхуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм. Налшык нэхърэ гур, псэр нэхъ зытхьэкъ зы щ1ы к1апэ мы 1эгъуэблагъэм щымы1эу аращ жа1эр мы лъэныкъуэмк1э къэзыгъазэ ц1ыхуищэ бжыгъэхэм. Ихъуреягъыр бгырэ, езым дыгъэпсыр къытрик1эу, дунейр щыбзыгъэм ар плъагъуныр гухэхъуэщ!
Налшык тенджызы1ум нэхърэ метр щитхурэ пщык1ут1к1э нэхъ лъагэу 1этащ. Абы щ1ыху мин щищрэ тхущ1ым щ1игъу щопсэу. Ар минрэ щийрэ пщык1уий гъэм быдап1эу къежьащ. Илъэс пщ1ы бжыгъэхэр дэк1ри къали хъужащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэщ минрэ щибгъурэ т1ощ1рэ т1у гъэ лъандэрэ.
Налшык и зыгъэпсэхуп1э паркым щ1ыуэ гектар щит1рэ тхущ1рэ еубыд, жыг зэмыл1эужьыгъуэу итыр щит1ым щ1егъу.
Ди Къэбэрдей-Балъкъэрым ц1ыху лъэпкъ куэд щопсэу:адыгэхэр, урысхэр, балъкъэрхэр, украинхэр, армянхэр, грузинхэр, осетинхэр, нэгъуэщ1хэри.
Налшык Кавказ Ищхъэрэм щэнхабзэми экономикэми лъэщу зыщаужьа и къалэхэм ящыщщ.
Ди Хэкум щызэблож псы куэд. Ахэр: Шэджэм, Шэрэдж, Аруан, Бахъсэн, Балъкъ, Тэрч, Еныкъуей, нэгъуэщ1хэри.
Сыту лъэщ Бахъсэн уэрыр! Абы и къежап1эр 1уащхьэмахуэ мылылъэрщ. Илъэс минк1эрэ Бахъсэныпс губжьар бгы быдэхэм езэуащ, илъэс минк1эрэ ар ешакъым и лъагъуэ нэшэкъашэр бгы лъагэхэм, уэх мывалъэхэм к1уэц1ришыну. Иджыри абы и псыпыху щхъуафэхэр къыр лъащ1эхэм иредзыл1э, дэк1ып1э зэвыр нэхъ быхъу ищ1ыну, нэхъ хуиту дунейм техьэну. Бахъсэн уэрыр къыщыгубжьыпэр гъатхэрщ. Гъатхэ уэшхым и псыдзэ бжыгъэншэр псым хэлъадэу хуежьэмэ е 1уащхьэмахуэ лъапэ и уэс 1увым дыгъэ гуащ1эм къигъэтк1уу щ1идзэмэ, абы щыгъуэ бахъсэныжьым зыкъызэкъуехыпэ.
Ауэ мис Бахъсэныжьыр ц1ыхум къигъэ1урыщ1ащ. Къиубыдщ ар ц1ыхуми бгым дишащ. къригъалъэри вагъуэбэу игъэблащ.
Телъыджащэщ, зи щэху-гъэпщк1угъэхэр къыпхуэмыщ1эххэ ди щ1ып1эм и гуэлхэр. Тенджызышхуэ димы1эми, мы гуэлхэмк1э Тхьэр къытхуэупсат. Куэдыщэ мыхъуми, гъэщ1эгъуэн 1ейщ ахэр. Ахэр гъэщ1эгъуэнми и закъуэкъым, хущхъуэхэщ.
Тамбукъан гуэлым, ди республикэм и гъунэ дыдэм, Ставрополь щ1ыналъэм къыгуэлъым хуэзэу щы1эм, и ят1э къудейр хущхъуэщ. Мыбы и ят1эр зэзыхьэл1эхэр езы Тэмбукъан гуэлым жыжьэуи бгъэдыхьэркъым. Абы и ят1эр ди республикэм имызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм мы дуней псом зэ курортхэмк1э щыц1эры1уэм и дэтхэнэ лъэныкъуэмк1и яшэ, къыщагъэсэбэп.
Тамбукъан гуэлым щ1ыуэ иубыдыр куэд дыдэ хъууи пхужы1энукъым – псори зэхэту гектарищэрэ пщ1ейрэ хъууэ аращ. Ауэ и хущхъуэу зыхуэдэ щымы1эр зыхэлъ ят1эм щ1эи гъуни имы1э жыхуа1эм хуэдэщ. Илъэс дапщэ хъуауэ къат1эщ1рэ, ит1ани гъунэ къудей иралъхьауэ къыпхуэщ1эркъым. 1уэху ящ1ри къапщат хущхъуэ зыхэлъ ят1эу мы гуэлым и1эр зыхуэдизыр. Къапщри зэрапэпщэжащ. Псори зэхалъхьэжри тонн мелуанит1ым щ1игъуу яубзыхуащ.
Ар куэд хьэмэрэ мащ1э? Мыбык1э къэтщ1энущ зэрыкуэдыр: Налшык ар къыщагъэсэбэп санаторэу, нэгъуэщ1 зыгъэхъужып1эу щы1эм псоми зэхэту я зы жэщ махуэм тонн ирикъу къыщагъэсэбэпыркъым, ар зыуэ. Ет1уанэрауэ, мыбы ят1эр кърах, хущхъуэу къагъэсэбэп л1эщ1ыгъуэ блэк1ам и пэщ1эдзэхэм лъандэри иджыри ямыгъэхъеям хуэдэщ, апхуэдизк1э щ1э инщ гуэлым и гъэщ1эгъуэнхэри.
Мы гуэлыр апхуэдэу мыинми, тенджызым зык1и зыкъык1эригъэхуну хуейкъым. Тамбукъан и псыр шыугъэщ, дыдж щ1эхъухьыжу. Мы гуэлым Нартсанэ псым хэлъ гуэрхэри къыхохьэ, гу лъомытащэу, «гъэпщк1уауэ». Ахэр псори серо-водородрэ метанхэмк1э къулейщ, псы щ1агъ къэк1ыгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэри щыкуэдщ. Псы ят1эр къэзыгъэхъужыр бактерие куэдык1ейуэ мыбы щыщ1эт1ысык1ахэрщ.
Тамбукъан ихъуреягъыр къэк1ыгъалъэщ, къамылхэм, пхъэщхьэмыщхьэ къызыпык1э жыг зэмыл1эужьыгъуэхэм ущрохьэл1э. Ит1анэ гулъытэншэу къанэркъым мэз бабыщхэр, лэпс тепхъам хуэдэу, гуэл гущ1ы1ум сыт хуэдэ зэмани зэрытесыр.
Ц1ыхухэм щалъхуа Хэкум деж зыхущащ1 къалэныр ягу имыхунк1э 1эщ1ыб ямыщ1ынымк1э сэбэп ин ябгъэдэлъщ, е къабгъэдок1 ди адыгэ усак1уэхэм. Дэтхэнэ усак1уэми щалъхуа Хэкум теухуауэ усэ етх, ар дахэу къызэхъул1и, къызэмыхъул1и яхэтщ. Псоми ф1эк1хэм ящыщ зыщ К1уащ Бет1ал. Абы и художественнэ 1эзагъыр пхужымы1эну инщ. Зыхилъхьэ щымы1э и лъахэм ар хуэарэзыщ абы гъащ1э къызэрыритамк1э, зэрип1ам, зэригъэсам, гъуэгу тэмэм зэрытригъэувам я закъуэкъым, хэкуншэмэ, ар езыри зыми ищ1ысыжкъым, зы махуи псэужыфынукъым, ц1ыхууи зыкъилъытэжыркъым. Хэкур зимы1эр е, и1эпэми лъагъуныгъэ хузимы1эр, хуэгущ1ы1эр ц1ыху нэскъым, насыпыншэщ, усак1уэм зэрыжи1ащи, апхуэдэ ц1ыхур зэщхьыр «дамэ зытемыт бгъэщ», «щ1эгъэкъуэн зыщ1эмыт жыг лъэныкъуэ ещ1арщ». Хэкум дэтхэнэ и зы бын нэсми и пщ1эр зы1этыр, и щ1ыхьым хэзыгъахъуэр Хэкум 1уэху пыухык1а хуищ1эрщ, абы и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэиритыфырщ.
Мыгъуагъэр ныбжьуэ пщхьэщытами
Уигъэдзыхакъым плъыса лейм.
Куэдагък1э бийхэм уафыщ1ами,
Уф1ащ хахуагък1э, Къэбэрдей!
Усак1уэр зыгъэп1ейтей гурыщ1э къабзэр, зыхилъхьэ щымы1эу илъагъу и Хэкум хуи1э и лъагъуныгъэр куууэ, псэм дыхьэу, гум ехуэбыл1эу, художественнэ 1эзагъышхуэ хэлъу и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуащ К1ыщокъуэ Алим. К1ыщокъуэм нэхъ гулъытэ зыхуищ1ыр ди лъэхъэнэм къэхъуа щ1эблэм и гъащ1эрщ, и гурыгъу-гурыщ1эхэрщ, и 1уэхущ1афэ инхэрщ, сыту жып1эмэ, Хэкур езыр щ1алагъэм и лъапсэ инщи. Псалъэ нэхъ лъап1эу бзэм хэтхэмк1э абы быдэу зэрепх ц1ыхумрэ Хэкумрэ хуи1э лъагъуныгъэр:
Си хэкур гъуэгум щыджэламэ,
Ар къагъэнэнкъым и закъуэу
Лъакъуэ хуэныкъуэ ар хъуамэ,
Сыщ1эувэнущ пхъэ лъакъуэу.
Хэкум теухуа гурыщ1э къабзэхэр къыщы1уэта усэ нэхъыф1хэм ящыщ зыщ «Зеич лант1э» жыхуи1э К1ыщокъуэм и 1эдакъэщ1эк1 тхыгъэри. Адэ щ1ыналъэм и щхьэр лъахъшэу хуегъэщхъ, и псэри и гъащ1эри щхьэузыхь хуищ1ыну хьэзырщ:
Зеич лант1эу гъэшыгъуаф1э
Си адыгэ Хэку,
Хэку гъэф1эну си1э закъуэ
Си адыгэ Хэку.
Дэ дыщ1ап1ык1ащ Хэкур ф1ыуэ лъагъун, хъумэн гупсысэм. Ар къалэнышхуэщ ик1и къалэн лъап1эщ. Сэ сыхуейщ лъэпкъым и бын пэж гъащ1эр адэк1э езыгъэф1эк1уэн, зыгъэдэхэн, дзыхь лъэпкъым зыхуищ1 хъун ц1ыху щыпкъэ къысхэк1ыну.